Сабий сымаджэхэм ядоIэпыкъу
2017-11-02
- Псантхуэ узыфэ зыпкърыт сабийхэм ядэIэпыкъун папщIэ Налшык дэт Музыкэ къэрал театрым концерт щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ «Зы лъэбакъуэкIэ япэ дивгъэщ» псапащIэ фондымрэ Кабалоев Щэмил зи унафэщI «Ярче» рекламэ IуэхущIапIэмрэ.
- Концертыр иригъэкIуэкIащ Теппеев Ахъмэт. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ нэхъыфIхэр. Апхуэдэхэт Текуев Амур, Ракитинэ Иринэ, ЦокIыл Азэмэт, КIыщхэ Ислъамрэ Каринэрэ, ЩоджэнцIыкIу Аслъэн, Бэч Азэмэт, Хекилаевэ Денизэ, Жыгун Эдуард, Уэзрокъуэ Чэрим, «Ритмы Кавказа» сабий ансамблыр, нэгъуэщIхэри. Абы и хьэщIащ уэрэджыIакIуэ Царикати Феликс.
- Теппеев Ахъмэт фIыщIэ яхуищIащ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ сабийхэм япэIэбэным теухуа мурад дахэ зыщIу псапащIэ пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIахэм, концертыр зэрекIуэкIынум теухуа хъыбарыр зэбгрезыгъэха IуэхущIапIэхэм, ар къызэгъэпэщынымкIэ закъыщIэзыгъэкъуа КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Налшык къалэ администрацэм.
- Концертыр зи жэрдэм «Зы лъэбакъуэкIэ япэ дивгъэщ» псапащIэ фондым и къалэн нэхъыщхьэр – Кавказ Ищхъэрэм сабий психоневрологие центр щыухуэнырщ. Ар къехъулIэмэ, щIыналъэм и сабий сымаджэхэм я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ ядэIэпыкъуфынущ. Пшыхьым къыпэкIуа ахъшэри а Iуэхум трагъэкIуэдэнущ.
- Зэхыхьэм хэтахэми абы ирагъэблэгъа хьэщIэхэми пшыхь гуапэр ягу къинэну къыщIэкIынщ. Апхуэдэ псапащIэ IуэхугъуэфIхэм республикэм исхэр зэрызэкъуигъэувэм шэч хэлъкъым.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.