Нэхъ быдэжу дызэкъуоувэ
2015-09-24
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу Сэхъурокъуэ Хьэутий зэрыхахыжам, языныкъуэ «хэкупсэхэм» къызэралъытамкIэ, лъэпкъым и жылагъуэ зэгухьэныгъэ ин дыдэр – ДАХ-р – зэкъуиудынкIэ хъунут. Апхуэдэ хэхыныгъэмкIэ мыарэзыхэр Хасэм зэрыхэкIыжами адыгэ зэгухьэныгъэр нэхъ лъэщыж ищIащ, ДАХ-м щызекIуэ Iуэху еплъыкIэхэр дэзыIыгъхэм я бжыгъэри нэхъыбэж хъуащ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и унафэщIхэм яхъумэфащ зэгухьэныгъэм и мардэ нэхъыщхьэхэр.
- «Кавказыр нобэ» хъыбарегъащIэ агенствэм ипэкIэ къызэритамкIэ, фокIадэм и 19-м Налшык щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ хасэм и конгресс. ДАХ-м и тхьэмадэу етIуанэ пIалъэкIэ щытыну абы щыхахыжащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Урысей Федерацэми хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми я лIыкIуэу конгрессым зыщезыгъэтха цIыху 73-м ящыщу Сэхъурокъуэм и кандидатурэм папщIэ Iэ яIэтащ 62-м. АбыкIэ арэзытэкъым делегати 10-р, зым Iэ иIэтакъым. Фигу къэдгъэкIыжынщи, адыгэпсо зэIущIэм ипэ къихуэу языныкъуэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къытехуэу хуежьащ ДАХ-м и унафэщIхэмкIэ, къапщтэмэ, зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий и Iуэху зехьэкIэмкIэ, лъэпкъыр мыарэзы хуэдэу къызыхэщ тхыгъэхэр. И нэхъыбапIэм абыхэм я жэрдэмщIакIуэт Адыгеймрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щылажьэ щIыналъэ адыгэ хасэхэм я пашэхэр. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент, Адыгейм и «Адыгэ Хасэ – Адыгэ (Шэрджэс) парламентым» и унафэщI Бэгъущэ Iэдэмрэ Къэрэшей-Шэрджэсым и «Адыгэ Хасэм» и тхьэмадэ Шэрджэс Мухьэмэдрэ мэкъуауэгъуэм и кIэхэм жаIащ ДАХ-м къызэрыхэкIыжыр, абы и президентым иригъэкIуэкI политикэмкIэ зэрымыарэзым щхьэкIэ. «Къэнэжыр зыщ: фокIадэм щыIэну хэхыныгъэхэм ежьэнырщ. ДАХ-м и президентымрэ абы и къудамэ щIыпIэ адыгэ хасэхэм я унафэщIхэмрэ илъэсищ къэс щыхахыж адыгэпсо конгрессым. Сэхъурокъуэм и тетыгъуэм и пIалъэри фокIадэм и 19-м еух. Сэ сызэреплъымкIэ, ДАХ-м и иджырей президентыр а къулыкъум къытенэжмэ, зэгухьэныгъэр зэбгрылъэлъыжынущ, щыналъэ хъыбарегъащIэ агенствэхэм ящыщ зым яжриIащ Бэгъущэ Iэдэм, къищта унафэм тепсэлъыхьу. ДАХ-м и президентыр щIыхахыжым, IэIэт зэIухам кърикIуахэр къэзыбж комиссэм наIуэ къищIа нэужь, Адыгей Хасэм и пашэм, езыр конгрессым и лэжьыгъэм хэмытыххауэ, аргуэру мыхэр жиIащ: «Сэхъурокъуэм и кандидатурэмкIэ Iэ тIэтынукъым» жызыIэу щытахэр абы и телъхьэ хъуащ. Сэхъурокъуэм папщIэ Iэ яIэтын зымыдэххахэр, Iэ щаIэтым пэшым къыщIагъэкIащ».
- Адыгэу дунейм тет псори зэкъуагъэувэжын папщIэ 1991 гъэм къызэрагъэпэщауэ щыта Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэфIэкIхэр илъэс зыбжанэкIэ къагъэсэбэпащ адыгэ лъэпкъкIуэдыр Урысейм кърагъэщтэн, апхуэдэуи Шэрджэс къэралыгъуэ ин Кавказ Ищхъэрэм къыщызэрагъэпэщын папщIэ. Адыгэ хэкупсэ нэпцIхэр нэхъ жыджэр къэхъуащ щIымахуэ Олимп джэгухэр Сочэ щрагъэкIуэкIыну хуитыныгъэр къыщахьэхуа 2007 гъэм иужькIэ. Абы щыгъуи ахэр хущIэкъуащ Олимпиадэм епха Iуэхухэр къызэпаудыну, «ди адэжьхэм я кхъащхьэхэр ягъэпудыну хущIокъу» жаIэри, арщхьэкIэ ДАХ-м и унафэщIхэм даIыгъакъым а «хэкупсэхэм» я мурадхэр. Зи гугъу тщIа Iуэхугъуэхэр къащемыхъулIэм, ДАХ-ри лъэныкъуэегъэз ящIыжми хъуну къалъытащ абыхэм. Радикал-ислъам Iуэхухэр Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ нэхъ тIасхъэ щыхъуа мы зэманым «адыгэ Iуэхур» аргуэру башыпэм фIаIужащ. Лъэпкъ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн зэрыхуейм теухуа псалъэмакъхэр нэхъ ин хъуащ конгрессым ипэ къихуэу. Ахэр къезыхьэжьахэр хущIэкъуащ Сэхъурокъуэ Хьэутий иIыгъ къулыкъур къыIэщIахыу, ДАХ-м и Iуэхухэр езыгъэфIэкIуэн цIыхум IэщIалъхьэну.
- КIэлъыплъакIуэхэм къызэралъытэмкIэ, апхуэдэ унафэщIу жыджэру зыкъегъэлъагъуэ ДАХ-м и вице-президенту щыта Бэгъущэ Iэдэм. ЕкIуэкI хъыбархэм тепщIыхьмэ, ар хэтащ лъэпкъым и цIыху цIэрыIуэ зыбжанэ и телъхьэ къищIыну, арщхьэкIэ абы и Iуэху еплъыкIэхэр дэзымыIыгъар нэхъыбэщ. Бэгъущэм иужьрейуэ жиIа псалъэхэм конгрессым кърихьэлIахэр къызэщIиIэтащ. Тыркум щылажьэ кавказ зэгухьэныгъэхэм я федерацэм (КАФФЕД) и лIыкIуэу ДАХ-м и гъэзэщIакIуэ комитетым илъэс куэд лъандэрэ хэт Къущхьэ Догъэн «Кавказыр нобэ» агентствэм и корреспондентым зэрыжриIамкIэ, конгрессыр екIуэкIащ, демократиер щытепщэу, дэтхэнэми и Iуэху еплъыкIэр хуиту къигъэлъагъуэрэ ар и лъэпкъэгъухэм я деж нихьэсыну Iэмал иIэу. «Конгрессым къекIуэлIахэм Сэхъурокъуэ Хьэутий папщIэ Iэмал имыIэу Iэ яIэтын хуейуэ къытракъузауэ Бэгъущэм зэрыжиIэр ар, нэхъ мащIэ дыдэрауэ, бзитIщхьитIыгъэщ. ДАХ-м и президенту Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэрыдгъэлъэгъуэнумкIэ унафэр Истамбыл нэхъапэIуэкIэ къыщытщтакIэт. Конгрессым ипэ къихуэу а хъыбарыр сэ езгъэщIакIэщ ДАХ-м и хасащхьэм хэт псоми. ЩIыпIэ адыгэ хасэхэм я лIыкIуэ псоми сепсэлъащ сэ, Сириеми Иорданиеми къикIа делегатхэри яхэту, – ахэри къэкIуат, Сэхъурокъуэм папщIэ Iэ яIэтыну хьэзыру, – къыхигъэщащ КАФФЕД-м и лIыкIуэм. – Сэхъурокъуэм и кандидатурэр дэзымыIыгъхэр IэIэтым ипэкIэ ар щекIуэкI пэшым къызэрыщIашар – ар пцIы зэфэзэщщ. Iуэхур зэрекIуэкIа псори видеокIэ трахащ, къинэмыщIауэ, зэIущIэм щIэсащ журналистхэр, абы щылэжьащ мандат комиссэр. ГурыIуэгъуэкъым ахэр жызыIэ цIыхухэм апхуэдэ пцIыхэмкIэ я напэр щIызытрахыжыр. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэхэм игъэпудыр ди лъэпкъпсо зэгухьэныгъэм, адыгэ зэщIэхъееныгъэм я закъуэкъым, атIэ ахэр щIыпIэ хасэхэм я пашэу хэзыха цIыхухэми я напэр трах. Гугъущ зыгурыбгъэIуэну Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс щIыналъэ хасэхэм я пашэхэм къащта унафэ-хэр, ар щхьэкIэ Урысейми хамэ къэралхэми щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм сэ быдэу яжызоIэ: «Дунейпсо Адыгэ Хасэр хъума хъун папщIэ дэ сытри тщIэнущ. Абы и пIэкIэ къызэрагъэпэщыну хущIэкъу сыт хуэдэ зэгухьэныгъэри «лIауэ къалъхуа сабийуэщ» къызэрытлъытэнур».
- Сирием щыщыIэ щытыкIэм тепсэлъыхьащ, а къэралым ис адыгэхэм Урысей Федерацэр дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъури къыхигъэщащ Сирием щыIэ Адыгэ фIыщIэ хасэм и тхьэмадэ Къэбэрдей Аднан. Апхуэдэу абы диIыгъащ Къущхьэ Догъэн жиIахэри. «Сирием щыщыIэ щытыкIэр къарукIэ и пIэм игъэувэжын хуейуэ США-м ООН-м дапщэрэ къыщигъэлъэгъуами, зиусхьэн Лавровыр абы пэщIэувэфащ. Апхуэдэу къэхъуху дэ дыкIуащ урысей посольствэм икIи фIыщIэ ин яхуэтщIащ абы щылажьэ къулыкъущIэхэм. КъэхъуIамэ, Урысейр къызэрытщхьэщыжынум и щыхьэту, «Новочеркасск» зауэ кхъухьыр ди тенджыз Iуфэм къыIухьауэ щытлъэгъуам щыгъуэ, дэ ди Щхьэщыгу Итым фIыщIэшхуэ хуэтщIащ, дэIэпыкъуэгъуу ди кхъухьыр къызэрытхуигъэкIуам папщIэ». Ди жагъуэ зэрыхъущи, Адыгеймрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я лIыкIуэхэм нобэ ирагъэкIуэкIа псалъэмакъхэм дэ Урысейм Iей дыхуищIынкIэ хъунущ. Ар, япэрауэ, къуаншагъэ ину къызолъытэ Сирием щыпсэу адыгэхэм къытщхьэжыну хьэзыр къэрал закъуэм елъытауэ. ЕтIуанэрауэ, зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым Урысей Федерацэр адыгэхэм я хэкужьу игъащIэми къызэрекIуэкIыр. Ауэ щыхъукIэ, а хэкур хъумэн, и фIыгъуэхэр бгъэбэгъуэн хуейщ», – жиIащ Сирием щыIэ Адыгэ фIыщIэ хасэм и тхьэмадэм.
- Конгрессым хэта нэгъуэщI лIыкIуэхэм зэдэарэзыуэ къызэрыхагъэщащи, зэIущIэм къыщрахьэжьа Iуэху мыщхьэпэмкIэ ДАХ-р зэкъуэудыным и закъуэкъым зыхуэгъэпсар, атIэ ар хуэунэтIащ а лъэпкъпсо зэгухьэныгъэм къыпэхъун нэгъуэщI адыгэ зэгухьэныгъэ къызэгъэпэщыным.
- «ДАХ-м и пIэкIэ къызэрагъэпэщыну жыхуаIэ нэгъуэщI лъэпкъпсо зэгухьэныгъэхэр пэжыжьэщ адыгэ Iуэхум, лъэпкъым къыпэщылъ мурадхэмрэ къалэнхэмрэ. Абыхэм я жэрдэмщIакIуэхэм зэрахуэр езыхэм ехьэлIа геополитикэ Iуэху гуэрхэр апхуэдэ щIыкIэкIэ зэфIахынырщ. Апхуэдэ щытыкIэм итащ Германиер. Къинэмыщауэ, а IуэхугъуэхэмкIэ я мураду къыщIэкIынущ Урысей къэралыгъуэр къагъэтIэсхъэнри», – куэдым жаIар къызэщIикъуэжу къэпсэлъащ дунейпсо Адыгэ Хасэм и къэзэгъэпэщакIуэхэм ящыщ, Голландием щыIэ Адыгэ хасэм и тхьэмадэ Хьэткъуэ Фэтхьи.
- P.S. Конгрессым и лэжьыгъэр зэфIэкIа нэужь, ДАХ-м и къэпщытакIуэ комиссэщIэм хъыбар дигъэщIащ зэгухьэныгъэм хыхьэну гукъыдэж зиIэ щIыпIэ адыгэ хасэу 6-м абыкIэ лъэIу тхылъ Хасащхьэм зэрагъэхьамкIэ. Ахэр ДАХ-м хэгъэхьэнымкIэ унафэр къащтэнущ, абы ипэ къихуэу егъэкIуэкIыпхъэ Iуэху псори зэфIэкIа нэужь.
- ЦIАГЪУЭ Инал.