|
ЩIышылэ, 2018
2018-01-11
- Урысейм и къалэ куэдым къыщызэIуахащ гъатхэпэм и 18-м екIуэкIыну хэхыныгъэхэм хэтын папщIэ Путин Владимир зэрыдаIыгъым теухуа тхылъхэм Iэ щыщIрагъэдз щIыпIэхэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
2018-01-11
- Илъэсым и пэщIэдзэм хиубыдэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуа турист-хэм я бжыгъэр мин 57-м щIегъу. Нэхъыбэу абыхэм зыщагъэпсэхуар Iуащхьэмахуэ лъапэрщ. Абы и курортхэм я нэгу зыщрагъэужьащ цIыху мин 48-м (нэгъабэ елъытауэ проценти 114-м). «Iуащхьэмахуэ курорт» акционер зэгухьэныгъэм и кIапсэ гъуэгухэр къагъэсэбэпащ цIыху мин 21,7-м.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
2018-01-11
- «Звезда» телеканалым щIышылэм и 5 – 8-хэм ещанэу щекIуэкIа «Новая звезда» зэпеуэм пашэ щыхъуащ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артист, уэрэджыIа-кIуэ, къэфакIуэ, театрымрэ киномрэ я артист Апэнэс Астемыр зыхэт «CoffetimeBand» А-капеллэ гупыр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хъыбар гуапэ
2018-01-11
- ЩIышылэм и 11, махуэку
- ФIыщIэ щIыным и дунейпсо махуэщ
- Урысейм и мэзгъэфIэнхэмрэ (заповедникхэмрэ) лъэпкъ паркхэмрэ я махуэщ. 1917 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ япэ мэзгъэфIэныр – Баргузин щIыпIэм (Бурятием) псэущхьэхэр хъумэным хуэщIа къэрал IуэхущIапIэм лэжьэн щыщIи-дзащ.
- Албание Республикэм и махуэщ
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
2018-01-11
- 1942 гъэм шыщхьэуIум и пэщIэдзэм фашистыдзэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къихьащ. Ди щIыналъэм пIалъэ кIэщIкIэ щагъэув гуащIэрыпсэухэр еудыхыным и «хабзэр».
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
2018-01-11
- Урысей Федерацэмрэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэмрэ
- кризисым я зэхущытыкIэр зэрефIэкIуэн Iэмал къалъыхъуэн хуейщ
- Урысей-американ зэхущытыкIэхэм дуней псор кIэлъоплъ. 2017 гъэм епхауэ Мэзкуурэ Вашингтонрэ гугъэшхуэхэр яIат – Унэ хужьым и Iэтащхьэ хъуат Урысеймрэ Путин Владимиррэ езэгъыну жиIэу зыбжанэрэ зи псалъэ къыхэзыгъэща Трамп Дональд. АрщхьэкIэ американ лIыщхьэм и псалъэхэмрэ Мэзкуур зэпсэлъэныгъэхэм зэрыхуэхьэзырымрэ зэтехуакъым. США-м езым щекIуэкI политикэ зэныкъуэкъум Iэмал къаритакъым Iуэху пыухыкIам хуэкIуэну. Уеблэмэ, зэхущытыкIэхэр нэхъыкIэж хъуауэ жыпIэ хъунущ Обамэ Барак и тетыгъуэм щыIам нэхърэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Махуэку
2018-01-11
- Илъэс зыбжанэ щIауэ къэмыхъуауэ, мы махуэхэм зэпсэлъэныгъэхэр ирагъэкIуэкI Корее Ищхъэрэмрэ Корее Ипщэмрэ. Лъэныкъуэхэр щогугъ абы ехъулIэныгъэ къыпэкIуэну икIи къэралитIым я зэхущытыкIэр иригъэфIэкIуэну.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Махуэку
2018-01-11
- Путин Владимир хуит ищIащ Урысеймрэ Египетымрэ (Мысырымрэ) я хьэуа зэпыщIэныгъэр зэтраублэжыну. Абы теухуа зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ «УФ-м и лъэпкъ шынагъуэншагъэмрэ цIыхухэр щIэпхъаджагъэхэм щыхъумэнымрэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iэмал щхьэхуэхэм» теухуа указым.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Махуэку
2018-01-11
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и артист, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым илъэс куэдкIэ щылэжьа Къэжэр Борис псэужамэ, дыгъэгъазэм и 27-м и ныбжьыр илъэс 70 ирикъунут.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Юбилей
2018-01-11
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIышылэм и 9-м щрагъэжьащ «Гупсысэ нэхъыщхьэмрэ абы кърикIуэмрэ» зэхуэсыр. Къыхэгъэщыпхъэщ мыпхуэдэ зэхыхьэхэр езы-гъэкIуэкIыр КъБКъУ-р фIы дыдэу къэзыухахэр, апхуэдэуи задачэ гугъухэм тыншу пэлъэщ, акъыл жан зиIэ студентхэрауэ зэрыщытыр, икIи абыхэм махуитIым къриубыдэу ягъэлъэгъуэн хуейщ гупсысэщIэхэр, гъащIэм хапща зэрыхъунур.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
|