КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэм теухуа и хъуэхъу
2017-11-11
- Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и лэжьакIуэхэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Фи IэщIагъэм ирилажьэхэм я махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу.
- А махуэм дэ догъэлъапIэ лIыгъэрэ тегушхуэныгъэрэ зыхэлъ цIыхухэу а къулыкъум къыхуигъэщIахэр икIи ар зи гъащIэ псом IэщIагъэ зыхуэхъуахэр. БлэкIа илъэсищэм и сыт хуэдэ лъэхъэнэми къэралым и дежкIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэ а IэнатIэм и лэжьакIуэхэм къулыкъукIэ къапэщылъ къалэнхэр зэпэщу ягъэзащIэу къекIуэкIащ. КъызэрымыкIуэу щыт иджырей зэманми полицэм нэгъэсауэ зэфIегъэкI цIыхухэм я шынагъуэншагъэмрэ мамырыгъэмрэ къызэгъэпэщыным, абы-хэм законкIэ я сэбэп зыхэлъхэмрэ я хуитыныгъэхэмрэ хъумэным, жылагъуэ хабзэр гъэбыдэным, щIэпхъаджагъэхэм, коррупцэм, терроризмэм япэщIэтыным хуэгъэзауэ къыхуагъэув къалэнхэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм