2017-06-30
- 2017 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм икIыу хьэжыщI кIуэнухэм
- ядэIэпыкъунымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетыр убзыхуным и IуэхукIэ
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм икIыу ислъамым и щIыналъэ лъапIэхэу Мэчэрэ Мадинэрэ хьэжыщI кIуэнухэм ядэIэпыкъун мурадкIэ:
- 1. 2017 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм икIыу хьэжыщI кIуэнухэм ядэIэпыкъунымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетыр убзыхун икIи абы хэтхэр къэщтэн мы унафэм и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
- 2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэм, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ организацэхэмрэ чэнджэщ етын хьэжыщI кIуэнухэм ядэIэпыкъуну.
- 3. Мы унафэм къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
- Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий
- Налшык къалэ
- 2017 гъэм мэкъуауэгъуэм и 23-м
- №62-РГ
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм