Нэхъ быдэжу дызэкъуоувэ
2015-09-24
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу Сэхъурокъуэ Хьэутий зэрыхахыжам, языныкъуэ «хэкупсэхэм» къызэралъытамкIэ, лъэпкъым и жылагъуэ зэгухьэныгъэ ин дыдэр – ДАХ-р – зэкъуиудынкIэ хъунут. Апхуэдэ хэхыныгъэмкIэ мыарэзыхэр Хасэм зэрыхэкIыжами адыгэ зэгухьэныгъэр нэхъ лъэщыж ищIащ, ДАХ-м щызекIуэ Iуэху еплъыкIэхэр дэзыIыгъхэм я бжыгъэри нэхъыбэж хъуащ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и унафэщIхэм яхъумэфащ зэгухьэныгъэм и мардэ нэхъыщхьэхэр.
- «Кавказыр нобэ» хъыбарегъащIэ агенствэм ипэкIэ къызэритамкIэ, фокIадэм и 19-м Налшык щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ хасэм и конгресс. ДАХ-м и тхьэмадэу етIуанэ пIалъэкIэ щытыну абы щыхахыжащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Урысей Федерацэми хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми я лIыкIуэу конгрессым зыщезыгъэтха цIыху 73-м ящыщу Сэхъурокъуэм и кандидатурэм папщIэ Iэ яIэтащ 62-м. АбыкIэ арэзытэкъым делегати 10-р, зым Iэ иIэтакъым. Фигу къэдгъэкIыжынщи, адыгэпсо зэIущIэм ипэ къихуэу языныкъуэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къытехуэу хуежьащ ДАХ-м и унафэщIхэмкIэ, къапщтэмэ, зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий и Iуэху зехьэкIэмкIэ, лъэпкъыр мыарэзы хуэдэу къызыхэщ тхыгъэхэр. И нэхъыбапIэм абыхэм я жэрдэмщIакIуэт Адыгеймрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щылажьэ щIыналъэ адыгэ хасэхэм я пашэхэр. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент, Адыгейм и «Адыгэ Хасэ – Адыгэ (Шэрджэс) парламентым» и унафэщI Бэгъущэ Iэдэмрэ Къэрэшей-Шэрджэсым и «Адыгэ Хасэм» и тхьэмадэ Шэрджэс Мухьэмэдрэ мэкъуауэгъуэм и кIэхэм жаIащ ДАХ-м къызэрыхэкIыжыр, абы и президентым иригъэкIуэкI политикэмкIэ зэрымыарэзым щхьэкIэ. «Къэнэжыр зыщ: фокIадэм щыIэну хэхыныгъэхэм ежьэнырщ. ДАХ-м и президентымрэ абы и къудамэ щIыпIэ адыгэ хасэхэм я унафэщIхэмрэ илъэсищ къэс щыхахыж адыгэпсо конгрессым. Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дунейпсо Адыгэ Хасэ