|
Зытеухуар 'Псапэ'
2018-04-14
- «Нарт Хэку», «Жьэгу», «Пэрыт» адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм мэлыжьыхьым и 11-м щрагъэкIуэкIа псапащIэ пшыхьыр Сирием, нэгъуэщI къэралхэм къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъухэм защIэгъэкъуэным хуэгъэзат.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Псапэ
2018-04-10
- Тыжьей къуажэ (Кыщпэк) тхьэлъэIу-фэеплъ щIыкIэу иджыблагъэ щрагъэкIуэкIа спорт зэхьэзэхуэхэр ирырагъэхьэлIат Урысбий Хьэмидбий и къуэ Астемыр псэужамэ, илъэс 22-рэ щрикъуну махуэм.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Псапэ
2018-03-30
- Урысей ФСИН-м и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэмрэ Налшык къалэм ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ абыхэм псэуныгъэкIэ защIэгъэкъуэнымкIэ и центрымрэ я лIыкIуэхэр, тутнакъэщым имысу япшыныну тезыр зытралъхьа балигъ мыхъуахэр щыIащ узыфэ хьэлъэхэр зыпкърыт цIыкIухэр зыщIэлъ сымаджэщым. Ар Республикэ сабий унэм и къудамэщ. Абыхэм ныбжьыщIэхэм хуашащ Iэмал имыIэу зыхуеину, зэрыджэгуну хьэпшыпхэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Псапэ
2018-03-01
- Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зэрихьэу эстетикэ гъэсэныгъэмкIэ Налшык дэт еджапIэм илъэс къэс ирегъэкIуэкI «Псэм и дахагъэр тыгъэ яхуэщI» Iуэхур.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Псапэ
2017-11-21
- Налшык къалэ жьы хъуахэмрэ зеиншэхэмрэ щапIыжу дэт унэм гуфIэгъуэ щытыкIэм иту щрагъэкIуэкIа псапащIэ Iуэхугъуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и солисткэ, республикэм и уэрэджыIакIуэ пажэхэм ящыщ Къул ФатIимэ, пшынауэ Iэзэ КIурашын Эммэ, Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №2-м и 3-нэ, 4-нэ классхэм щIэс цIыкIухэр, абыхэм я гъэсакIуэхэу Дэбагъуэ Алёнэрэ Цей ФатIимэрэ, нэгъуэщIхэри. Концертым и къызэгъэпэщакIуэри ар езыгъэкIуэкIари усакIуэ ныбжьыщIэ Къанкъул (Нэзрэн) Раещ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Псапэ
2017-11-02
- Псантхуэ узыфэ зыпкърыт сабийхэм ядэIэпыкъун папщIэ Налшык дэт Музыкэ къэрал театрым концерт щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ «Зы лъэбакъуэкIэ япэ дивгъэщ» псапащIэ фондымрэ Кабалоев Щэмил зи унафэщI «Ярче» рекламэ IуэхущIапIэмрэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Псапэ
2017-09-06
- Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм и унафэщIхэм я жэрдэмкIэ, IэнатIэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Мэсей Заур, тылымкIэ унафэщI Бинашаров Беслъэн, ОГИБДД-м и инспектор Къэрэнашэ Жаннэ сымэ щыIащ Яныкъуей къуажэм дэт Республикэ психоневрологие интернатым.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Псапэ
2017-07-22
- Хабзэ хъуауэ, жьы хъуахэм, ныкъуэдыкъуэхэм, сабийхэм я республикэ унэхэм щыIэхэм гулъытэ хуащI, ягъэгушхуэ, я нэгу зрагъэужь. Зи ныбжь хэкIуэтахэм я пащхьэм иджыблагъэ щата концерт гукъинэжыр и жэрдэмщ Тыркум къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъу, «Лотус» ухуэныгъэ IуэхущIапIэм и унафэщI, хьэрычэтыщIэ КIэрашэ Сами. Ар ирагъэкIуэкIащ Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм и режиссёр нэхъыщхьэ Гумэ Маринэрэ радиом и лэжьакIуэ, пародист Дзэгъащтэ Азэмэтрэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Псапэ
2017-06-28
- Дунейм къызэрытехьэрэ Дисанэ цIыкIу узыфэ хьэлъэ куэд игъэунэхуащ: сепсис, менингит, остеомиелит.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдиз узыфэр лъэужьыншэ хъуакъым. А псом сабийм узыфэ хьэлъэ икIи шынагъуэ къыхухэкIащ.
- Дисанэ гъащIэм гу щихуэу псэун, ныкъуэдыкъуэу къэмынэн папщIэ операцэ лъапIэ Германием щыхуащIын хуейщ.
- Республикэм и цIыхухэм зыфхудогъазэ Дисанэ и гузэвэгъуэм зыкъыщIэвгъэкъуэну икIи операцэм текIуэдэну ахъшэр зэхуэхьэсынымкIэ дэIэпыкъуэгъу фыхъуну.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Псапэ
2017-06-10
- Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу Урысей МВД-м и «Аруан» къудамэм и лэжьакIуэхэр яхуэзащ Налшык къалэм дэт Сабий унэм и гъэсэн цIыкIухэм.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Псапэ
|